Тыркум и Къайсэр къалэ щызэхэт, зи зэхэтыр IуэхукIэ зыгъэдахэ Адыгэ Хасэм щӏэныгъэ зэӏущӏэрэ джэгушхуэрэ (фестивал) зэхиублэри иригъэкIуэкIащ. Мы гъэм илъэс 50 ирикъу Хасэм гъуэгуанэ къикIуамрэ иджы хузэфIэкIымрэ, дяпэкIэ хузэфIэхыну лэжьыгъэхэмрэ хузэблэхыну IуэхуфIэхъухэмрэ и гугъу щащIащ. Щӏэныгъэ зэӏущӏэм гулъытэ хэха щигъуэтащ:
— бзэмрэ хабзэмрэ и джыкӏэ, и зэгъэщӏэкӏэ, и зехьэкIэ хъунухэм;
— адыгагъэр зыщымыгъэгъупщэным;
— хэхэс адыгэхэр хэмышэпсыхьыжын папщӏэ щӏапхъэхэмрэ лэжьыпхъэхэмрэ;
— хэхэс, хэкурыс адыгэр зэрыщIэу, зэрыIыгъыу, зэгурыIуэу ӏуэху зэдэщӏэкӏэхэм зегъэубгъуным, зегъэужьыным;
— хэхэс адыгэм и Хэку кӏуэн-къэкӏуэжыныр нэхъ екӏурабгъу щӏыным;
— кӏуэжыпэу къэнэну хуейхэм я щытыкIэхэмрэ я щыӏэкӏэ-псэукӏэ хъунухэм;
— хэкурыс адыгэм и бзэ иджыжыным къращIэкI хабзэншагъэм.
Къайсэр Адыгэ Хасэм утыкурыту иIэта ӏуэхугъуэхэм щӏэныгъэлӏхэр гупсэхуу тепсэлъыхьащ. Зэрыжытӏащи, упщIэхэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар бзэмрэ хабзэмрэ хъумэныр арщ.
Жыпӏэнурамэ, Къайсэр Хасэм ӏуэхугъуэфӏ зригъэхъулIащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм, Къайсэр километрищэкIэ пэӏэщӏэу щыс Къайнар хьэтыкъуей къуажэ джэгушхуэ (фестивал) щаублат. Пщэдджыжьым сыхьэтипщӏым зэхыхьэн щӏадзэри, шэджагъуэ нэужьым цӏыхуу къекӏуалӏэр нэхъ уэр хъууэ хуежьащ. Пщыхьэщхьэхуегъэзэкӏым щынэблагъэм, цӏыхур апхуэдизкӏэ куэдыщэ хъуати, и гъунэми, и нэзыми унэплъысыжыркъым жыхуаIэм хуэдэт. Щӏыпӏэ-щыпӏэкIэрэ езыр-езырурэ джэгухэр яублэрти, хабзэкӏэ екӏуэкӏ зэпытт. Къайсэр жандармэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ,Тырку къэралыгъуэ ТВ каналхэмкӏэ къызэратамкIи, джэгушхуэм еплъыну, хэтыну кърихьэлӏат АДЫГЭ мин 40! Апхуэдиз цIыху зэхыхьэм яхэплъэу щыIар жандармэ зыбжанэ къудейт. Угушхуэнтэкъэ апхуэдэ адыгэ жылагъуэшхуэ зэхыхьэм къахэпӏэнкӏыкӏрэ, зэщыхьэрэ, зэзауэрэ, зэмызэгърэ яхыумылъагъуэу, хабзэр щытепщэрэ псоми зэдай зы ӏуэхугъуэшхуэрэ джэгушхуэм лъэпкъыр зы зэрищIыр щыплъагъукIэ.
Адыгэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэр, щӏэныгъэ псоми хуэунэтӏа тхылъхэр щагъэлъагъуэрэ щатрэ, щащэрэ щызэбграхрэ чэтэн пщыIэхэр дэнэкIи щызэхэтт.
Джэгум къекIуэлIа цӏыхур зрикъун шхапӏэ, зыщатхьэщIын-зыщалъэщIын егъэзыпIэхэр губгъуэм къыщызэрагъэпэщыну яхузэфIэкIат.
Джэгушхуэ ублэным игъуэр къыщысым, къулыкъущӏэхэу, ӏэтащхьэхэу, лӏыщхьэхэу, депутатхэу, министрхэу куэдым зыкърагъэхьэхьэлIащ. Ахэм адыгэ лъэпкъым псалъэ гуапэкӏэ зыкъыхуагъэзащ, къехъуэхъуащ, цӏыхур уэру зэрызэхуашэсыфам ипкъ иткӏэ Къайсэр Адыгэ Хасэм пщӏэ къыхуащӏащ.
Ахэм иужькӏэ къэпсэлъахэщ Тыркум щыӏэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ (55 хуэдиз) Хьэгъундокъуэ Яшаррэ адыгэм пщӏэ зыхуэтщI Къущхьэ Тыгъуэнрэ. Тӏуми зы жьэу жаӏащ, Къайсэр Хасэм илъэс 50-м и кӏуэцӏкӏэ лэжьыгъэфӏ, лэжьыгъэ щхьэпэ зэрригъэкIуэкIар, нобэрей Хасэ унафэщIхэм а щытыкӏэр ягъэлъэщрэ щӏагъэхуабжьэу зэрекӏуэкӏыр.
Зэщӏэлыдэрэ зэщӏэхъуапскӏэу теплъэгъуэ-теплъэгъуэкӏэрэ зым нэхърэ зыр нэхъыфӏу пӏэрэ жыпӏэу, гур къэзыIэт, хэзыгъахъуэ дэрэжэгъуэ куэд утыкум щекIуэкIащ: къэфакIуэ гупхэу «Ашэмэз» (Къайсэр Хасэ), «Елбрус» (Анкара Хасэ), Бурсэ къалэ щыщ уэрэджыӏэ Щынахъуэ Бенгул, Абхъазым (Азгъэм) къикӏа уэрэджыӏакӏуэ Микая Эрик, Налщыч икӏауэ «Хьэти» пшыналъэ гупыр. КъищынэмыщIауэ, куэду я гуапэу, яфIэфIу ӏэгуауэкӏэ яӏэтащ уэрэджыӏакӏуэ ӏэзэ Нэхущ Чэримрэ и гупымрэ. Абы уэрэджыӏэн къудей мыхъуу фӏыщӏэ яхуищӏу псалъэ гуапэкӏэ захуигъэзащ Къайсэр Хасэ унафэщIхэм, джэгушхуэр (фестивалыр) дахэу къызэрызэрагъэпэщамкӏэ, езыри къызэррагъэблэгъамкӏэ. КъинэмыщIауэ Чэрим ехъуэхъуащ джэгушхуэм мылъкуфӏкӏэ хэпшына Нэгуэр Ӏунсал.
Жытӏэмэ тфӏэигъуэщ, абы ипщэкIэ кӏуэн щымыӏыж жыхуаIэм хуэдэу, щӏэныгъэ зэхуэсри джэгушхуэри ӏущыгъэрэ лъэщагъэкӏэ гъэнщIауэ къызэрекIуэкIар.
Къайсэр Адыгэ Хасэм къехъулIащ пасэрей адыгэ зэхэтыкӏэм нобэрей псэукIэкӏэ ежьууныр. Тхьэм фригъэфӏакӏуэ!
Думэныщ ӏэулэдин
Къардэн Мусэдин
Шыбзыхъуэ Астемыр