Адыгэ «Жылэ»!

ЦIыхухэр зыхыхьэрэ зэгъусэу псэу щыхъум, абыхэм яухуэр къуажэ, е къалэ. Нобэрей махуэм апхуэдэ псалъэхэр аращ къагъэсэбэпыр. «Къалэ» псалъэр тыркубзэм къыхэкIри адыгэбзэм къыхыхьащ. Адыгэ хэкум къалэхэр щаухуэу щытакъым. Адыгэхэр зэрызыхыхьэу щытар «хьэблэ«, «жылэ«, «къуажэ» псалъэхэмкIэщ къызэрагъэлъагъуэр. А псалъэхэм мыхьэнэ зырахьэр адыгэ хабзэм епхащ, икIи дэтхэнэ зы адыгэми къыгурыIуэу щытын хуейщ.

«Хьэблэ» жыхуаIэ псалъэр къагъэхъу «хьэ» макъымрэ «блэ» макъымрэ. «Хьэ» жаIэу псэ зы1ут, гъащ1э къэзыгъэщI дэтхэнэ зыми еджэу щытащ. ЦIыхуми езым хьэм зыхибжэу щытащ, псэ зырыхэтым къыхэкIкIэ. «Блэ» жыхуиIэм и мыхьэнэр мы псалъэм деж къыщыдгурыIуэн щхьэк1э, абы къигъэхъуа нэгъуэщ1 зы псалъэ утыку къислъхьэнщ — «благъэ» «зэблагъэ». Абы къик1ыр зыкъуэту, зыпыщIауэ, зэгъусэу, зэрыIыгъыу псэу гупхэщ. ИпэкIэ зэблагъэхэр, зэунэкъуэщхэр зэгъусэу зы «хьэблэу» тIысу щытащ. Нобэрей лъэхъэнэми адыгэ къуажэхэм ущырохьэлIэ зы унагъуэцIэ зезыхьэхэр зы хьэблэм щыдэс.

Нобэрей махуэм, ц1ыхухэр хьэблэу зэблагъэу зыдэмыпсэужми, а псалъэм и мыхьэнэр кIуэдакъым. Хьэблэ хъужыр Iуэху уиIэу япэу уIэбэм узылэIэс уи гъунэгъуу псэухэр аращ. Дэ дыщыцIыкIум жьэрымэ дгуэшын хуей хъуамэ, е нэгъуэщ1 1уэху къыдэтхын хуеймэ, тщIэт ди хьэблэр здынэсыр, икIи ахэр япэ дыдэу щIэгъэкъуэн къытхуэхъуу щытащ, ар хьэгъуэлIыгъуэ ирехъу, е щIыхьэху ирехъу. Псалъэжьу адыгэхэм зырахьэр «благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъу пэж» — жаIэу. АбыкIэ къагъэлъагъуэр япэу зылъэIэс гъунэгъуу псэур, нэгъуэщIу жыпIэм я «хьэблэр» 1уэху щIэнкIи, псэуныгъэ IуэхукIи нэхъ гъунэгъуу зэрыщытыр.

Хьэблэ-хьэблэурэ зыхэсыр нэхъ ину зиубгъуа нэужь къоунэху «жылэ«. Мы псалъэм и мыхьэнэр къыщагъэсэбэп псалъэухам елъытауэ щхьэхуэу щытынкIэ мэхъу. Зы псэупIэ гуэрым и мыхьэнэу «жылэ» жа1эм, ар нобэрей «къуажэ» псалъэм и мыхьэнэм хуэпхь хъунущ. Ауэ жаIэнкIэ хъунщ «адыгэ жылэ» жаIэу, е псалъэм папщIэ «жылэм сыт жаIэн?» — жаIэу.

Адыгэ Хэку

«Жылэ» псалъэр ауэ сытми хэтсэу къэдгъэкI жылэм ещхь псалъэкъым. А тIуми зы мыхьэнэ зырахьэр. Ар къызэрыпщIыкIыу, жылапхъэ зыхуэхъужу зы цIыхубэ гуэрщ, зы гупсысэкIэ, зы псэукIэ, зы хабзэ тетхэр къызыщ1иубыдэу. Жылэр цIыхубэщ, лъэпкъщ. Жылэм хамэу адыгэм къахэтIысхьахэр хабжэркъым, ахэм я гупсысэкIэкIэ, къызыхэкIамкIэ, я бзэмкIэ адыгэм къащхьэщокIри. Жылэм лъэпкъ гупсысэкIэр зырехьэр, абдежым адыгэ хабзэр щолажьэр. Адыгэ псалъэжьхэм щыщщ «Зеиншэ хъуар жылэм еп1«, — жыхуиIэр. Абы къегъэлъагъуэр нанум адэ-анэ имыIэжми, ар адыгэ жылэм къыхэкIыу зыгуэрхэм зэрапIыжыр, икIи адыгэ жылэм щыщу къызэрыхъур.

ЦIыхубэ зыхэсу псэур жылэщ, лъэпкъ псори жылэщ. Жылэ жылэурэ зыхэсу хэкур зыхэтщ. КIахэ (Адыгей) лъэныкъуэмк1э иджыри къыздэсым жылэщ зэреджэр я къуажэхэм. КъэбэрдеймкIэ «къуажэ» псалъэм нэхъыбэу дытехьащ.

«Къуажэр» жылэм нэхърэ нэхъ иныу, нэхъ цIыху куэд зыдэсщ. Къуажэ хъужым хамэ гуэрхэри дэсынкIэ мэхъу, ахэри къуажэдэсщ. Къуажэм зы къуажэпщ иIэжу, лъэпкъ хэхахэм езыхэм язакъуэ яеуэ щымыту, куэду зэхэсщ. Иджыпсту адыгэ хэкум ис адыгэ унэцIэхэм псоми ящIэж дэнэ къуажэ, е дэнэ жылэ щыщми. Адыгэхэм къуажэ щаухуащ нэгъуэщI къэралхэми. Псалъэм папщIэ, Тырку хэгъэгум адыгэ къуажэ куэд итщ, Иорданиеми я къэлащхьэ Амманыр адыгэ къуажэу яухуау щытащ, иужьк1э къалэ хъужауэ. Адыгэхэм хэкур ирагъэбгынэу Тыркум кIуа нэужь, абдежыми псы ежэх деж щытIысым нэхъ къащтэу щытащ. ЦIыхур дунейм ехыжа нэужь я къуажэ яшэжри абы и кхъэм щыщIалхьэр.

Адыгэ лъэпкъыр унэцIэ-унэцIэурэ зыхэту адыгэ жылэм къигъэхъуа зыгуэрщ. Жылагъуэр щыIэхукIэ адыгэ хабзэр абы зытыриIыгъэу, лъэпкъыр лъэпкъ ищ1ыжу щытынущ. Абы къыхэк1к1э, дэтхэнэ зыми и унэцIэр къызыхэкI къуажэр, е жылэр ищIэжыпхъэщ, а жылагъуэм пыщIауэ, зыкIэлъыкIуэу щытыпхъэщ.

Джатэжьей Хьэщауэ