Инал сыт и лъэныкъуэкIи цIыху зэкIэлъыкIуэу щытащ: цIыхушхуэхэмрэ гущIэгъулыхэмрэ яхэлъын хуей хьэлыфI псори абы хэлъащ. Захуэм тет абы и унафэ ткIийм къыхэкIыу адыгэхэм яку дэлъа ныкъуэкъухэмрэ хьэлэбэлыкъхэмрэ гъэкIуэда хъуащ. Лъэпкъыр и лъэныкъуэ къищIщ дзыхь зыхуригъэщIри абыкIэ и зэф1эк1ыр игъэбыдащ, зэбий лъэныкъуэхэр зэригъэкIужри‚ къару псори зы ищIыжащ. АдыгэщIым щызекIуэ залымыгъэмрэ хабзэншагъэмрэ абы игу пэжым темыхуэу, зэпымыууэ къайгъэ къэзыIэтхэр гущIэгъуншэу лъэныкъуэ иригъэзын хуей хьуащ. Абы иригъэжьа Iуэхур къехъулIэрт. Зэпымыууэ къайгъэ лъыхъуэ пщы зыкъомыр, Инал и унафэм едэIуэн ямыдэу, бгъэдыхьэпIэ зимыIэ щIыпIэ быдэхэм Iэпхъуэри, абы къикIыурэ я гъунэгъухэр яхъунщIэу хуежьащ. Инал гухэлъ ищIащ ахэм я унафэр ищ1ыну; дзэ зэхуишэсри абыхэм я къару зэкъуэтыр зэтрикъутащ, абы нэмыщIу дзэпщхэу щэщI нэблагъэ Iэрыубыд ищIащ, абы щыщу пщIым я щхьэр пилъащ, адрейхэм пэжу къахущытыну икIи къыхуэкъулыкъущIэну тхьэ яригъэIуащ.
Абы ирихьэлIэу ипщэ лъэныкъузмкIэ щыпсэу бгырысхэм, опыпщ Аздемыр я пашэу, къайгъэ къаIэтащ. Абыхэм щыщу зыкъом Аздемыр зэхуишэсри Инал игъэкIуа кIахэ дзэхэм къапежьащ икIи къытекIуащ. Ауэ абыхэм езэуэну езы Инал дыдэм дзэ зэхуишэсу щызэхахым, Аздемыр Абхъазым икIыжащ. Ар здэкIуа абазэхэм я деж Инал кIэлъыкIуэри, къызэрыхуэмыжыIэщIэм щхьэкIэ а лъэпкъым щыщ куэд зэтриукIащ. А зауэм Аздемыр хаукIащ.
Инал губзыгъэу, пэжым хущ1экъууэ икIи зэгъэзахуэ хэлъуэ зэрыщытым къыхэкIкIэ адыгэ лъэпкъ псоми абы лъагъуныгъэрэ щIыхьрэ хуащI хъуащ… Лей зылъысахэм къащхьэщыжын ягъуэтырт, лей зезыхьэм яхуэфащэ удын ялъысырт.
Къахыхьэу хуежьа зэгуры1уэ псэукIэр хабзэ захуащIэм нэхъри игъэбыдащ. Iуэху узэщIакIуэу ягъэува хеящ1э плIыщIыр цIыхубэм я псэукIэр зэрырагъэфIэкIуэным‚ зэгуры1уэу зэрагъэпсэуным пылът. А псэукIэм тетурэ екIуэкIащ 1427 гъэм нэсыху. Пщы Иналым лъэпкъым щIыхь хуищIырт; и IэмыщIэ илъ цIыхухэм ар цIыхушхуэу‚ цIыху Iущу ягъэIуащ‚ я адэм хуэдэу фIыуэ ялъэгъуащ. Абы езым и гъащIэ псор иухыхукIэ и IэмыщIэ илъ цIыхухэм я псэукIэр зэрыригъэфIэкIунрэ и Хэкур мамыру зэригъэпсэунрэщ нэхъыщхьэу зытелажьэу щытар. Абы щхьэкIэ «Нэху» хужаIэу щытащ икIи иужькIэ псалъэжь хъужауэ щытащ: «Тхьэм къыдитыж Инал и махуэр!»
Абхъазыр жыIэщIэ къищIа нэужькIэ‚ абхъаз лъэпкъхэм зэгуры1уэныгъэ быдагъэ яриухылIэну Дзибэ Iуфэ деж щыIэу‚ Iуэху псори зэфIигъэкIа нэужь, ар захуэм, пэжым тету лIэжащ; икIи и кхъэр иджыри къэс ямыгъэгъуэщауэ Инал-къубэкIэ (ар абхъазыбзэмкIэ) йоджэ, нэгъуэщIу жыпIэм «Инал и кхъэ». Инал ихьэдащхьэр ц1ыхубэм Иджыри егъэлъапIэ; абы и кхъэм гъунэгъуу Iэщ щаутIыпщу ядэркъым, абы и Iэхэлъахэхэм хьэкIэкхъуэкIэ къыщыбукIыныр хабзэншагъэу ялъытэ. Инал щэ фыз къишауэ щытащ, икIи езым и ужькIэ къуитху къигъэнащ: япэ фызым къилъхуауэ Жанхъуэт; етIуанэрейм — Минболэтрэ Беслъэнрэ; ещанэрейм — Унэрымысрэ Кирмищрэ. Адыгэхэм я хабзэм тету а къуитхури уэркъхэм къану яхьауэ щытащ.
Мис а Инал и бынхэм къатехъукIащ иджы щыIэ къэбэрдеипщхэр, кIэмыргуеипщхэр, беслъэнеипщхэр.
Нэгумэ Шорэ къызэри1уэтэжам тету.