Дэтхэнэ зы адыгэми хуэгъэзауэ!

Дэ нэхъыбэрэ дызыхэс къэралхэм дащыгугъкIэ ахэм дахуэлажьэкIэ ди Iуэхур дэкIа хъунукъым.

Адыгэр къэрал 50-м щызэбгырыдзащ. Зы лъэпкъым и гуащIэр 50-уэ угуэшауэ дауэ лъэпкъыр хъума зэрыхъунри, зыкъызэриужьыжынри, нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуэхъуфуэ псэуа зэрыхъужынри? Урысейм щыпсэу адыгэр урысым нэхъыбэрэ хуэлажьэкIэ адыгэм и Iуэхур дэкIрэ? Тыркум щыпсэу адыгэр тырку къэралым нэхъыбэрэ хуэлажьэкIэ адыгэм и Iуэхур дэкIрэ? Европэ къэралым щыпэу адыгэхэр а къэралхэм нэхъыбэрэ яхуэлажьэкIэ адыгэм и Iуэху дэкIрэ? Хьэмэрэ америкэм, е хьэрып къэралхэм? Мы къэралхэм псоми езым я хъуапсапIэ , я Iуэху, я бзэ, я зэхэтыкIэ, я гупсысэкIэ яIэжщ. Дэ адыгэ лъэпкъым езым диIэжкъэ ди хъуэпсапIэ, диIэжкъэ ди бзэ, ди гупсысэкIэ, ди Хабзэ, псом нэхърэ нэхъ тфIэдахэу ди Хэку, ди Iуэху? Апхуэдэ дыдэу дэ ди лъэпкъым дапхуэдизыу зэбгырыдза, угуэша мыхъуамэ, дэ къытхэтщ щIэныгъэ лъэныкъуэ псоми ирилажьэ щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, мэкъумэшыщIэхэр, бизнесменхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр, джэгуакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, ухуакIуэхэр, нобэ адыгэ лъэпкъыр зыхуэныкъуэ псори! Ахэр дэращ- дэтхэнэ «сэ сы адыгэ» жызыIэ цIыхурикI. Дэтхэнэ зы адыгэмикI нобэ лъэпкъыр къытхуэныкъуэщI- ди гупсысхэмкIэ, ди 1эщ1агъэмкIэ, ди цIыхугъэмкIэ, ди 1эмалхэмкIэ, тхузэфIэкI псомкIи. Апхуэдэ дыдэу дэтхэнэ зы адыгэри къыдгурымыIуэжми, демыгупсысми, зэхэтщIэми , зэхэдмыщIэми псори ди лъэпкъым дыхуэныкъуэщ.

Адыгэ лъэпкъ

Адыгэ лъэпкъыр лъэщмэ, ди бзэр хуиту лажьэмэ, зэхэтыкIэ дахэ диIэрэ нэгъуэщI лъэпкъхэм щапхъэ дахуэхъуфмэ, «Мес мо адыгэхэм хуэдэу дыпсэуарэт, дызэрыIыгъарэт , зыдужьарэт»- жаIэу лъэпкъыр дыхъумэ дэтхэнэ зы адыгэми абы ифI къекIынукъэ? Уеблэмэ зы лъэпкъи и Iуэхур абы щхьэкIэ нэхъыкIэ хъункъым, дифI емыкIмэ.

Дэ нобэ адыгэ лъэпкъыр бзэуэ щыIэу хъуамкIэ дыропсалъэф, къэрал щэныкъуэм я зэхэтыкIэ я псэукIэр долъагъу, дощIэ, дыхопсэукI. Абы къыщынэмыщIа дэ езым ди Хабзэр, ди бзэр, ди зэхэтык1э дахэ ипэкIэ диIахэр фIы дыдэу дымыщIэжми дыщыгъуазэщ. НытIэ ар псори ди лъэпкъым хуэгъэпсауэ, зы дызэрыхъужыным, ди Хэкур зэрыдуугъуеижыным, ди бзэмкIэ, ди хабзэмк1э ди Iуэхухэр иризетхьэу, абыкIэ дызэхэтыу дыхъужынум , телажьэмэ дапхуэдэу псынщIэу зыкъэдужьыжыну адыгэ лъэпкъым?

Аращи ди нэхъыжь, нэхъыщ1э, щIалэ, пщащэ, бзылъхугъэ, адэ, анэ, щIэблэ цIыкIу, — Адыгэ псоми- ди лъэпкъ Iуэхур дэ езым зедвгъэхуэж! Дыщывмыгъэгугъ — нэгъуэщIыр къакIуэу зыгуэр тхуищIэным, дифI зырихуэным. Ди Iуэхур зытетри, ди хъуэпсапIэри, ди къакIуэнури – дэращ зыщIэри зызери! Дэ куэд дохъу, дэ лъэпкъ дырокъу. Дызэкъуэтщи дылъэщщ! Ху жылэрэ мафIэ жылэрэ щыIэху адыгэ лъэпкъыр Тхьэм игъэпсэу!

«Хабзэ» хасэ.