Кавказыр Урысейм Iуэху зэрищIрэ зэи и нэIэ ттемыкIауэ, ди цIыхум я бжыгъэкIи, щыпсэукIи, я псэукIэкIи, я гупсысэкIэкIи дыкъахутэ, дыщIапщытыкI, абы елъытауэ къыдащIэнумрэ къытхуащIэнумрэ зэхэкIыу аращ. Нэхъ пасэм мылъкукIэ къэпщэху хъунур ящэхуащ я лъэныкъуэ ящIын папщIэ, къулыкъур нэхъ къэзыщтэм къулыкъу, яхуэгъэшынэр ягъэшынащ, абыхэм химыубыдар е хэкIуэдащ е ирахуащ. Иджыри ди щыIэкIэм къыкIэлъыплъурэ дыздынэсамрэ дызэрыхъуамкIэ информацэ зыт щыIэхэщи, къыдэкI законхэр игъуэу къыщIедз. Бзэм теухуа законри аращ. Зы мащIэ тIэкIу фIэкIа зыкъизытIэн зэрыщымыIэнур ящIэу къыдэкIащ. ЗыкъизытIэн хуейр ди еджа, къулыкъу зыIыгъхэращи, ямыдэн къэгъэнауэ, «уэху» жызыIэжахэр долъагъу. Ар къызыхэщ псалъэмакъхэр:
— адыгэ тхылъхэм урысыбзэкIэ деджэ щIэмыхъунур сыт?
— адыгэбзэр еджапIэм щаджын хуейщ, ауэ аттестатым ирамыгъэувэу (Куууэ иригъэджынукъэ и быным?);
— сэ си быныр тэрэзу згъэсащ, аращ нэхъыщхьэр, бзэр имыщIэми;
— пэж дыдэу, зыкIи къыщимыгъэсэбэпынукIэ, сыт зэман ихьу щIеджэн хуейр? Хуейхэр иреджэ!
— къуажэдэсхэм ящIэ адыгэбзэ, абыхэм ягъэкIуэдыжынкъым;
— адыгэбзэ едгъащIэмэ, урысыбзэр Iушэу къажьэдэкIыу мэхъу, пхуегъэсэжынукъым, нэхъ зыхуеинури аращ;
— хуейм и бзэр иджыжынумэ, зыри зэран хуэхъуркъым, сыт мы псалъэмакъ къомыр зищIысыр?
Мис аращ ди щытыкIэри, гупсысэкIэри. Сыт и мыхьэнэ еджам, лъэпкъ гупсысэкIэ имыIэмэ? Хэти мэлажьэ, мэшхэж, и щхьэ Iуэху зэрехуэж. Сыт хуэдэ лъэпкъми и ефIэкIуэныгъэр зрипхыр и еджа жыджэрхэращи, дэ ди еджахэм я нэхъыбэр зыхуеджэжар я щхьэ закъуэщ. ИрекIий, ирезауэ, жысIэркъым, сыхуеихэкъым апхуэдэ. Iэмал лъыхъуэн хуейщ. Иджыпсту, нэгъуэщI мыхъумэ, ди бзэр зымыщIэхэм зэдгъэщIэжу, ди бынми едмыгъэщIэныр Iэмалыншэщ, жаIэфын хуейщи, къэIуа апхуэдэ зы псалъэ нэхъ мыхъуми! Адыгэр кIий хъухэнукъым. Мы щIыналъэм ис лъэпкъхэм щыщу кIэлъыплъыным теухуауэ гулъытэ нэхъыбэ зыгъуэтыр дэращ. Дэ губзыгъагъышхуэ хэлъу ди Iуэху зетхуэжын хуейуэ аращи, абыкIэ дызыщыгугъ хъунухэр гурэ псэкIэ къулыкъущIэ къудейуэ аращ, лъэпкъ яIэкъым.
ПщIэшхуэ къэзылэжь диIэхэщ лъэпкъ гупсысэ лъагэ зэраIэм, ар IуэхукIэ къызэрагъэлъагъуэм папщIэ. Апхуэдэхэр псоми долъагъу, долъагъу зэрымащIэ дыдэри. Дызэкъуэтмэщ дыщылъэщыр. Дэ дызэкъуэткъым. Ебгъэлеймэ, дызэпэщIэтщ.
ХьэцIыкIу Рае