Къэзэнокъуэ Жэбагъы

Къэзэнокъуэ Жэбагъы (1684 — 1750) — Адыгэ Хабзэм куэд хэзылъхьа, и губзыгъагъэм и хъыбар Къэбэрдей пщыгъуэм икӀауэ, щӀыпӀэ бжъыгъэхэм къаӀуэхут, Хьэтохъущокъуэ Кургъокъуэ и щауэгъусэт, Къанжал зауэм хэтащ.
Адыгэ ӀуэрыӀуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, адыгэхэм къадогъуэгурыкӀуэ а хъыбархэр, нобэр къыздэсми яӀуатэр. Къэбэрдейм и тхыдэм лъэужьышхуэ къыхимынатэмэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр гъащӀэ кӀыхь хъунтэкъым. И цӀэр щӀэблэм щӀащымыгъупщэн фӀыщӀэ щиӀэщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и тхыдэм, аращ и цӀэри и хъыбархэри уахътыншэ щӀэхъуар.
Бахъсэн псыхъуэм, Зеикъуэ къуажэм и лъэныкъуэм деж, иджыпсту КъэзэныкъуэйкӀэ щӀыпӀэ зэджэм — 1684 гъэм, Къэзэнокъуэ Жабагъы къэхъуащ. Унагъуэ къызхэкӀам и хъыбар къынэсакъым ди зэманым, ауэ и гъашътхыдэм щыщ къэӀуэтыгъуэхэр къэнащ.
Илъэс 25 ирикъуауэ хеящӀу (лъэпкъым хах къадыуэ щыта, ауэ къадым мыслъымэн хабзэкӀэ зэпэубыдыгъуэхэр зэфӀигъэкӀтэмэ, хеящӀэр адыгэ хабзэм тетырт) техьа хъуащ, и губзыгъагъэмкӀэрэ и псалъэмкӀэрэ зэпыубыдыгъуэ бжэным теухуар зэфӀигъэкӀауэ.
Дунейм тетыху, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыщIэкъуар Къэбэрдейм и Iуэху зэрыдэкIынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цIыхум я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщIэ иIэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм ирилажьэ цIыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакIуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фIыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищIыжауэ. А къалэныр хузэфIэмыкIамэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цIэмрэ и хъыбархэмрэ нобэ къэсынтэкъым.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр езыр-езырурэ къежьащ, ахэр зыми зэхилъхьакъым икIи къигупсысакъым: лIы Iущым далъагъу IуэхущIафэхэр зэхуаIуэтэжурэ жылэм хэIуэри IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэ хъуащ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр щIаIуатэр Къэбэрдейм и закъуэкъым, абыхэм ущрохьэлIэ Шэрджэсми Адыгейми; Къэзэнокъуэм и цIи и хъыбархэри ящIэ ди гъунэгъу лъэпкъхэми.
Псалъэ пэж куэд къызэринэкIащ Къэзэнокъуэ Жэбагъы, абыхэм нобэр къыздэсым Жэбагъы и псалъэкIэ йоджэ. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къызэринэкIа псалъэ Iущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкIуэ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы I750 гъэм дунем ехыжьа, и акъылрэ и IуэхущIафэкIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ.