«Адыгэ Хабзэр» «Хабзэм» и зы Iыхьэу, адыгэхэм я зыхэтыкIэр, я щытыкIэр, зэрыщытыпхъэр къэзыгъэлъагъуэ Бзэуэ аращ.
«Хабзэ»- р ар куэдкIэ нэхъ куущ, нэхъ инщ, гъунэншэщ.
«Хабзэ» псалъэм сыт къикIыр, сыт абы хиубыдэр? – жыпIэрэ ущ1эупщIэм абы и жэуапыр езы «Хабзэ» палъэм, абы хэт макъххэм ущIэдэIумэ къыбжаIэ.
«Хабзэ» псалъэр «Ха»-рэ «Бзэ»-уэ зэхэтщ.
«Ха», «Хэ», «Хы» — сыт мы адыгэбзэ макъхэм къыджаIэр? ДевгъэдаIуэ!
«Хы»-р ар гъуни, нэзи,кIэи зимыIэу, ипIэм ит зыгуэрщ.
«Хэ»-р ар гъуни, нэзи , кIэи зимыIэу адэкIи зызуфэбгъу зыгуэрщ.
«Ха»-р ар гъуни, нэзи, кIэи зимыIэу ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуауэ зыгуэрщ.
«Бзэ»-р ар псоми дощIэхэри, узэрызэрыщIэ, узэрызэхэт, узэрызэпсалъэ щытыкIэщ.
Мыхэр зэпыувэрэ «Ха-Бзэ» жытIэмэ адыгэбзэм къыджиIэр гъуни, нэзи, кIэи зимы1эу ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуауэ псом и бзэ жыхуиIэу аращ. Дэ гъуни , нэзи , кIэи имыIэу ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуам къызэщIеубыдэ – щыIэ псор, мы гъащIэшхуэу кIэи гъуни нэзи зимыIэр. Мис а щыIэ псом, мы гъащIэшхуэу кIэи гъуни нэзи зимыIэм и бзэр, ар зэрызэрыщIэр, зэрызыхэтыр, зэрызэпсалъэр, убзыхуа зэрыхъу щIыкIэхэращ «Хабзэ» хъужрикI.
Джатэжьей Хьэщауэ