«Хабзэ» зэгухьэныгъэм и псагъэр!

«Хабзэ» псалъэм къикIыр:

«Адыгэ Хабзэр» «Хабзэм» и зы Iыхьэу, адыгэхэм я зыхэтыкIэр, я щытыкIэр, зэрыщытыпхъэр къэзыгъэлъагъуэ Бзэуэ аращ.

«Хабзэ»-р ар куэдкIэ нэхъ куущ, нэхъ инщ, гъунэншэщ.

«Хабзэ» псалъэм сыт къикIыр, сыт абы хиубыдэр? – жыпIэрэ ущIэупщIэм абы и жэуапыр езы «Хабзэ» палъэм, абы хэт макъхэм ущIэдэIумэ къыбжаIэ.

«Хабзэ» псалъэр «Ха»-рэ «Бзэ»-уэ зэхэтщ.

«Ха», «Хэ», «Хы» — сыт мы адыгэбзэ макъхэм къыджаIэр? ДевгъэдаIуэ!

«Хы»-р ар гъуни, нэзи,кIэи зимыIэу, ипIэм ит зыгуэрщ.

«Хэ»-р ар гъуни, нэзи , кIэи зимыIэу адэкIи зызуфэбгъу зыгуэрщ.

«Ха»-р ар гъуни, нэзи, кIэи зимыIэу ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуауэ зыгуэрщ.

«Бзэ»-р ар псоми дощIэри, узэрызэрыщIэ, узэрызэхэт, узэрызэпсалъэ щытыкIэщ.

Мыхэр зэпыувэрэ «Ха-Бзэ» жытIэмэ адыгэбзэм къыджиIэр гъуни, нэзи, кIэи зимы1эу, ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуауэ псом и бзэ жыхуиIэу аращ. Дэ гъуни , нэзи , кIэи имыIэу, ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуам къызэщIеубыдэ – щыIэ псор, мы гъащIэшхуэу кIэи гъуни нэзи зимыIэр. Мис а щыIэ псом, мы гъащIэшхуэу кIэи гъуни нэзи зимыIэм и бзэр, ар зэрызэрыщIэр, зэрызыхэтыр, зэрызэпсалъэр, убзыхуа зэрыхъу щIыкIэхэращ «Хабзэ» хъужрикI.

Ди еплъыкIэр:

Псэ зыIут псоми я щыIэныгъэр зэрахъумэжыным пылъщ. Адыгэр адыгэ зыщIыжыр и бзэмрэ и Хабзэмрэщ. Адыгэми лъэпкъ хуэдэу къызэтенэным ефIакIуэу псэуным папщIэ и бзэмрэ, и Хабзэмрэ ихъумэным зыригъэужьыным пылъыпхъэщ.

Адыгэхэр нобэ къэрал 50-м щIигъум щопсэур. Дэ мелуан бжыгъэ дохъур. Ауэ абы щыщуэ и Хэку щыпсэужыр 10% — щ зэрыхъур. А я Хэку (Кавказым) щыпсэу адыгэхэри IэрыщIыу лъэпкъ зэпэщхьэхуэ хуэдэхэу ( къэбэрдей, адыгей, шэрджэс, шапсыгъ) яугуэшауэ щытщ. Ар щхьэкIэ дэ псори дызэрызэджэжыр – адыгэщ, псори дызэрыпсалъэр адыгэбзэщ, дыщыпсэур Адыгэ Хэкуращ, псоми диIэр а зы адыгэ хабзэращ, ди лъэпкъ тхыдэри зыщ.

Дэтхэнэ зы лъэпкъ зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжым хуэдэу дэри ди лъэпкъыр зыхущIэкъу, зыщIэхъуэпс Iуэхугъуэхэр диIэщ.

Мы иужь илъэсхэм адыгэ лъэпкъыр къызэрызыщ1эушэр псынщIэ дыдэурэ хэхъуэурэ макIуэр. Ар щхьэкIэ иджыри къыздэсым лъэпкъым и хъуапсапIэр, зыхущIэкъун хуейр къигъэлъагъуэу зы жылагъуэ зэгухьэныгъи утыкум иту щыткъым. Хабзэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр апхуэдэ къару хъуным хущIэкъуну и пщэ ирелъхьэж.

Ди псагъэр:

  1. Пэжынагъым ипкъ итуэ Адыгэ Хэкур, Урыс-Адыгэ зауэм и пэ иIа гъунапкъэм тету зэфIэгъэувэжын.
  2. Адыгэбзэмрэ, Хабзэмрэ Адыгэ Хэкур ирипсэууэ, адыгэ дэнэ щымыпсэуми АдыгэбзэкIэ зэрыщIэу, Хабзэ зырахьэу гъэпсыжын.
  3. Зи Хэку къэзыгъэзэжыну хуей адыгэхэм пэрыуэгъу ямыIэу я Хэку къагъэзэжыну Iэмал убзыхун. Дэнэ щIыпIэ адыгэ щымыпсэуами и Хэкумрэ и лъэпкъымрэ зиужьыным телажьэу гъэпсын.
  4. Адыгэ Хэкум, лъэпкъым дэнэтхэнэ зы адыгэ цIыхури зыхуей игъуэту, нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуэхъууэ игъэпсэуным телажьэу гъэпсын.

Ди Iуэху бгъэдыхьэкIэр:

ДызэреплъымкIэ мы псагъэхэр адыгэ лъэпкъ псом я Iуэхууэ щытщ. Нобэ мыпхуэдэу гупсысэ адыгэхэр зэкIэрэ зыуэ зэдэлажьэу щымытми, дэнэ щIыпIи куэду щыIэу долъагъур. Мыбы къыхэкIкIэ дэркIэ нэхъапэр цIыхур ди зэгухьэныгъэм къыхэхьэн къыхэмыхьэныракъым, псори зэлъытар Iуэхум щыгъуазэрэ, ищхьэкIэ къэгъэлъэгъуа псагъэхэр игъэзахуэмэщ. Мыбы ипкъ иткIэ ди жылагъуэ зэгухьэныгъэр, лъэпкъым и Iуэхур ефIакIуэным пылъ дэтхэнэ цIыхуми дыдэлажьэну дахузэIухащ.

Дэ хэхауэ политикэ е культурэ IуэхукIэ ди лэжьыгъэр гъэпсауэ щыткъым. Къэрал дыщылажьэхэм я хабзэхэм пэмыувуэ Iэмал диIэу хъуар къэдгъэщхьэпэурэ ди псагъэхэр дгъэнахуэнум дыпылъынущ. Дэ Урысейм и Iуэхуи, Америкэм и Iуэхуи, Тыркум и Iуэхуи, Европэ къэралхэми хьэрып къэралхэми я Iуэхуи зехуэркъым. Дэ зетхуэр адыгэ лъэпкъым и Iуэхурщ. Адыгэм и Iуэхур кIуатэным щхьэпэ хуэхъу псоми дадэлэжьэну ди бжэр зэIухащ.

Интернетым дыкъыщыбгъуэтыфыну напэкIуэцIхэмрэ, сайтрэ диIэщ.