Адыгэбзэр нобэрей махуэм зэрыт щытык1эр гузавэгъуэ мэхъу. Къэралыбзэу зэрымылажьэм и гущ1ы1ужк1э, ар еджап1эхэм щаджыныр ягъэбыдэну хэтщ. Адыгит1 зыхуэзэм я бзэк1э зэмыпсалъэу хамэбзэк1э зэпсалъэм нэхъ яф1этынш хъуащ. Нобэрей адыгэ куэдым щхьэк1э адыгэбзэк1э псалъэныр гугъу хъуащ. Абы ипкъ къик1ыу адыгэбзэм и къэрумрэ, кууэ псэ хэлъымрэ дигу къэдгъэк1ыжын хуейщ. Абы щхьэк1э дэ адыгэбзэм дырипсалъэным дыф1ок1ри, езы адыгэбзэм къыджи1эм дода1уэр.
— Ц1ыху, — жи адыгэбзэм. Дэри дыкъопсалъэри — Сэ сы ц1ыхущ, — жыдо1эр. — Уы ц1ыхум ц1ыху, — жи адыгэбзэм. Дэ ди урысыбзэ/хьэрыпыбзэ/тыркубзэ/инджылызыбзэ гупсысэк1эм къыгуры1уэкъым абы къик1ыр. «Ныт1э сы ц1ыхукъэ сэ?», — же1эри, адэк1э хэплъэкъым. Ауэ сыт адыгэбзэм къыджи1ар? «Ц1ыху» — жыхуи1эр къызыхэк1ыр «къэц1ыхун, зэгъэц1ыхун, щ1эн» — жыхуи1эр аращ. Адыгэбзэм къытф1ища ф1эщыгъэц1эм къегъэлъагъуэр дэ ди къэлэныр, ди щ1ысыр, ди щхьэусыгъуэр. Ц1ыху дыхъуа нэужьым, ц1ыхуныр ди къэлэну къыщыдгуры1уам, дэ тц1ыху псор «щ1эныгъэ» тхуохъу. — Щ1э, — же1эри къопсалъэр адыгэбзэр. — Сыт сщ1эныр? — жыдо1эр, къыдгурымы1уэу. Сыт адыгэбзэм къыджи1эр? Тц1ыхур щ1эныгъэ щыхъум аращ 1уэхуу тЩ1Эфын къытхуэхъур. Ди Щ1ЭНыгъэмрэ 1уэху Щ1ЭНымрэ я лъабжьэр щ1ызытехуэр аращ. Тщ1эр аращ тхуэЩ1Эр, тхузыф1эк1ыри ди Щ1Эныгъэр здынэсыр аращ. Ц1ыху хуэдэу къэтц1ыхуар щ1эныгъэ тхуохъури 1уэху щ1эным дыпэрохьэр. Щ1эныгъэм щ1э къелъху, къехутэр. Щ1эуэ гъащ1эм къыхэтлъхьэм гъащ1эр егъэщ1эращ1эр, къегъэпщ1ыпщ1. Щ1эуэ щы1эр ц1ыхухэм къац1ыху. «Къэц1ыхун» — жи1эм нэхъ куужу ухэплъэм, «ц1ы«-мрэ «ху«-мрэ къыбоубыд. «Ц1ыр» ф1ыц1агъэу щы1эм и нэщэнэу лъытапхъэщ. Ар 1ейуэ аракъым, ар мыц1ыхуныгъэм щыщу аращ. «Ху» макъыр нэхум и нэщэнэщи, ар къэунэхуа щ1эныгъэ хъуар аращ. Ц1ыхур а т1ум я зэхуаку дэту «ц1ыр» «ху» ищ1у аращ. Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщ1ам къыт1урилъхьа ди адыгэбзэм на1уэу къыдгурегъа1уэр дэ дыщ1эпсэур, мы гъащ1эшхуэ дыкъэзыухъуреихьым дыщ1ыхэтым и щхьэусыгъуэр. Ар к1эщ1у жып1эм, «Ц1Ы«-р «ХУ» тщ1ыурэ «КЪЭЦ1ЫХУНЫГЪЭ«-м дыхуэлажьэурэ, «ХУ» тщ1ыр «Щ1ЭНЫГЪЭ» зыхуэдгъэхъуурэ ди «Щ1ЭНЫГЪЭ«-мк1э ди 1уэхур тЩ1Эжу, Щ1Э къэдгъэхъуу дыпсэуныр аращ. Ар адыгэ гупсысэк1эм кууэ хэлъщ. Ар дэ ди ГУ ПСЫСЭк1эщ, ди ГУм и макъщ, ди ГУм къипсэлъык1ыу къак1уэ 1уэхугъуэщ. Адыгэ хуэдэу гупсысэм адыгэбзэм и макъыр зыхех и гум къипсэлъык1ыу. Абы Щ1Эдэ1у, ар зыхэЩ1Э, къаЩ1Э. Апхуэдэу адыгэбзэм убгъэдыхьэм, абы къыпхузэ1уех егъэлеяуэ кууэ зы дуней. Абы ухыхьэрэ къыбжи1э псор зыхэпхыу, зыхэпщ1ык1ыу ухъуа нэужь, адыгэбзэм уи адыгэпсэр къигъэушыжынщ, ик1и жып1энкъым «адыгэбзэр сыт зэрысщ1ыныр?» -жып1эу. Адыгэбзэм урипсалъэн къудейкъым и къэлэныр. Адыгэбзэм къыбжи1эфынущ гъащ1эшхуэр зэрызыхэлъыр.
Джатэжьей Хьэщауэ