Posts Written OnЯнварь 14, 2018

ШыкӀэпшынэ

Пкъыр, пщэр, щхьэр зы пхъэ такъырым къыхахт (кӀей, кхъужьей, бжейм). ШыкӀэпшынэныбэр — пкъыр къызхэха пхъэми къыхащӀыкӀт е пхъэ нэхъ щабэм (псей, уэздыгъей). ШыкӀэпшынэм и кӀыхьэгъыр см 70; пкъым и бгъуагъыр см 7—20; пкъым и кууагъыр см 4—8; бзэпситӀыр щхъэм идеж шыкӀэпшынэтхьэкӀумэхэм егъэубыдауэ шыкӀэпшынэлъакъуэм нэс къеххэт, бзэпс фӀэгъэнапӀэхэм нэс, пщэм деж Ӏэпщэпх идзауэ щытт, фэм къыхэщӀыкӀауэ — фэм къыхэщӀыкӀауэ. Пкъым и щӀыбагъым «Мыстхъу» е «Мэзышэ» телът, еуэным ипэкӀэ шабзэр абым щахъу. Пкъыр, пщэр, щхьэр зы пхъэ такъырым къыхахт (кӀей, кхъужьей, бжейм). ШыкӀэпшынэныбэр — пкъыр къызхэха пхъэми къыхащӀыкӀт е пхъэ нэхъ щабэм (псей, уэздыгъей). ШыкӀэпшынэм и кӀыхьэгъыр см 70; пкъым и бгъуагъыр см 7—20; пкъым и кууагъыр см 4—8; бзэпситӀыр щхъэм идеж шыкӀэпшынэтхьэкӀумэхэм егъэубыдауэ шыкӀэпшынэлъакъуэм нэс къеххэт, бзэпс фӀэгъэнапӀэхэм нэс, пщэм деж Ӏэпщэпх идзауэ щытт, фэм къыхэщӀыкӀауэ — фэм къыхэщӀыкӀауэ. Пкъым и щӀыбагъым «Мыстхъу» е «Мэзышэ» телът, еуэным ипэкӀэ шабзэр абым щахъу. Пкъыр, пщэр, щхьэр зы пхъэ такъырым къыхахт (кӀей, кхъужьей, бжейм). ШыкӀэпшынэныбэр — пкъыр къызхэха пхъэми къыхащӀыкӀт е пхъэ нэхъ щабэм (псей, уэздыгъей). ШыкӀэпшынэм и кӀыхьэгъыр см 70; пкъым и бгъуагъыр см 7—20; пкъым и кууагъыр см 4—8; бзэпситӀыр щхъэм идеж шыкӀэпшынэтхьэкӀумэхэм егъэубыдауэ шыкӀэпшынэлъакъуэм нэс къеххэт, бзэпс фӀэгъэнапӀэхэм нэс, пщэм…

Адыгэ лъэпкъыжьхэм я Тхыдэ

Къаукъазым и хъуреягъкӀэ иса цӀыхужьхэм щтаучым, базальтым къыхэщӀыкӀа Ӏэмэпсымэжьхэр къагъэнэӀуащ абыхэм я псэукӀэр. Ахэр щакӀуэ гуп мыинхэурэ (е хъушэурэ) псэуырт хуагъэфэщэщ нобэрей щӀэныгъэлӀэхэр. Бгы лъагэхэм зыщыпсэуар хывымрэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэмрэ яхьэжэбэжэщат. Нэхъ лъахъшэ джабэхэмрэ губгъуэхэмрэ зыщыпсэуар щыхьрэ шырэ ящэкӀуат. Уеблэмэ, апхуэдэ гупхэр бгъуэнщӀагъхэм хуэм-хуэмурэ щӀатӀысхьати я псэупӀэр ящӀащ. ЦӀыхум и зыужьыныгъэм и лъэхъэнэ къыкӀэлъыкӀуэм – курытрэ ищхьэрэ мывэ лъэхъэнэм – щыӀа бгъуэнщӀагъ псэупӀэхэмрэ Ӏэмэпсымэхэмрэ Къаукъазым и щӀыпӀэ псори къыщагъуэтащ. ИкӀы нэхъ щӀагъуэ къэхутэныгъэхэр- псалъэм папщӀэ Лабэ и псыхъуэм деж- къагъэлъагъуэ а лӀэщӀыгъуэхэм Ӏуфэлъафэ ткӀийм ебэну цӀыхум Ӏуэхугъуэ ин къыщызэӀуихам – мафӀэр ищӀыф хъууэ, ар къигъэсэбэпу щыхуежьам – щӀыпӀэ щӀэнхабзэ зэкӀэлъыкӀуэу зэрызиужьыр. ЦӀыхум и зыужьыныгъэм и къыкӀэлъыкӀуэ лъэхъэнэр – мывэ лӀэщӀыгъуэщӀэм, хуэкӀуэ зэманщ. А лъэхъэнэм Къаукъаз псом иӀа ижь дыд тхыдэм дежкӀэ мыхьэнэшхуэ иӀэщ Бахъсэн аузым 1955-1957 гъэхэм пасэрей цӀыхум и псэупӀэ къызэрыщагъуэтам. Абдеж Лашкута къуажэм деж къыщагъуэта мывэ Ӏэмэпсымэрэ Сосрыкъуэ и бгъуэнщӀагъым и лъащӀэ дыдэм къыщагъуэта матириалхэмрэ. Сосрыкъуэ и бгъуэнщӀагъыр къыщатӀым белджылы хъуащ ищхьэ мывэ лъэхъэнэм и кӀэм къыщыщӀэдзауэ абы мызы-мытӀэу цӀыху зэрыщыпсэуар. Мыбы културнэ къат ин щызэтелъхьа хъуащ, кхъуэщынхэкӀхэр щӀыным щыгъуэзэн ипэкӀэ, мывэ лӀэщӀыгъуэм и цӀыху гупым илъэс мини 10-12-м къриубыду…