Posts Written OnЯнварь 19, 2018

Къэзэнокъуэ Жэбагъы

Къэзэнокъуэ Жэбагъы (1684 — 1750) — Адыгэ Хабзэм куэд хэзылъхьа, и губзыгъагъэм и хъыбар Къэбэрдей пщыгъуэм икӀауэ, щӀыпӀэ бжъыгъэхэм къаӀуэхут, Хьэтохъущокъуэ Кургъокъуэ и щауэгъусэт, Къанжал зауэм хэтащ. Адыгэ ӀуэрыӀуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, адыгэхэм къадогъуэгурыкӀуэ а хъыбархэр, нобэр къыздэсми яӀуатэр. Къэбэрдейм и тхыдэм лъэужьышхуэ къыхимынатэмэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр гъащӀэ кӀыхь хъунтэкъым. И цӀэр щӀэблэм щӀащымыгъупщэн фӀыщӀэ щиӀэщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и тхыдэм, аращ и цӀэри и хъыбархэри уахътыншэ щӀэхъуар. Бахъсэн псыхъуэм, Зеикъуэ къуажэм и лъэныкъуэм деж, иджыпсту КъэзэныкъуэйкӀэ щӀыпӀэ зэджэм — 1684 гъэм, Къэзэнокъуэ Жабагъы къэхъуащ. Унагъуэ къызхэкӀам и хъыбар къынэсакъым ди зэманым, ауэ и гъашътхыдэм щыщ къэӀуэтыгъуэхэр къэнащ. Илъэс 25 ирикъуауэ хеящӀу (лъэпкъым хах къадыуэ щыта, ауэ къадым мыслъымэн хабзэкӀэ зэпэубыдыгъуэхэр зэфӀигъэкӀтэмэ, хеящӀэр адыгэ хабзэм тетырт) техьа хъуащ, и губзыгъагъэмкӀэрэ и псалъэмкӀэрэ зэпыубыдыгъуэ бжэным теухуар зэфӀигъэкӀауэ. Дунейм тетыху, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зыщIэкъуар Къэбэрдейм и Iуэху зэрыдэкIынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цIыхум я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщIэ иIэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм ирилажьэ цIыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакIуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фIыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищIыжауэ. А къалэныр хузэфIэмыкIамэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и…