Posts Written OnИюль 07, 2018

Уэ жылэ махуэ хъун, ДАХ-р псэлъэну хуит ящIащи, къытхуэгъэувыӏэжыркъым

Дунейпсо Адыгэ Хасэр адыгэбзэм къыщхьэщыж хуэду «Кавказ-узел» сайтым къралъхьа тхыгъэм (http://www.kavkaz-uzel.eu/articles/322653/) дыпэджэжыну дыхуейт. Адыгэм зы псалъэжь иIэщ «Уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъомыщтэж» жери. Мы бзэм и Iуэхур нэгъабэ бадзэуэгъуэ мазэ лъандэрэ гуащIэу къокIуэкI, законыщIэр къащтэну япу хъыбар зэрыIурэ и нэхъ мащIэу мазищ-мазиплI мэхъу. Законыр къащтакIэщ. ЕтIуанэ еджэгъуэм деж халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм (дыгъуасэ зи гугъу тщIахэм) ди Iуэхур нэхъ Iей ямыщIым нэхъыфI зэрамыщIынур гурыIуэгъуэщ. Аращи, хъунур хъуа иужь сыт утыку уихьэжкIэ? Ауэ ДАХ-р иджыпстуи утыку ихьауэ дощIри, щхьэ абы иужьырейуэ Анкэрэ щригъэкIуэкIа испэлъкомым и программым хэмытарэ бзэм теухуа законым зэрытепсэлъыхьынур? Программым хэмыт Iуэхум хасэр дауэ тепсэлъыхьа зэрыхъуар? Хэкум икIыу зэхуэсым кӏуа гупым законыщIэм и гугъу ямыщIым нэхъ къащтэу ар программым хамыгъэхьа щхьэкIэ диаспорэм Iуэхур къыщаIэтым Iэмалыншэу тепсэлъыхьын хуей хъуауэ фэ идоплъ. Мыдрейуэ, Сэхъурокъуэ Хьэутий бзэ проблемым теухуауэ ДАХ-р псэлъауэ, утыку ихьауэ жиIащ. ФIыдыдэщ. Арамэ, е тхыгъэу, е псалъэу, е аудиуэу, е видеуэу тхьэмадэм жиIар къыщIигъэбыдэу зыгуэр дывгъэлъагъу. ДяпэкIэ ди кIэзетхэм къытехуэну жыхуаӏэ тхыгъэр абы щыщкъым. Республикэм и унафэщIри бзэ Iуэхум тегузэвыхьу щыжаIащ Анкэрэ. Тегузэвыхьмэ, иджыри къыздэсым щхьэ и жыӏэ зэхэдмыхарэ? Осетием я тхьэмадэ Битаров Вячеслав зымахуэ осетин щIалэгъуалэм хуэзэри мыр яжриIащ: «Урысейм хуейми…