Posts Written OnАвгуст 14, 2018

Хамэхьэмрэ Хьэщхъуэжьмрэ, е джэгур зи фlэщ хъужа.

Зы пкъым иувэу зы фэ къызытеуа жылэу, ищхьэ цlэ фlищыжыфу мы щlы хъуреижьым щыщыlэщ сыхалъхуауэ си Адыгэ лъэпкъыр. Сызэригушхуэр аркъудей мыхъуу зы гупсысэ мыин-мыцlыкlу хэсшыну сыхуопабгъэ яужьырейм а я жьантlапlэр ягъэпцlу ди унафэ ящlыну абы дэтlысхьэжауэ ди ипщэрагъукlэ къыткlэщlэс «унэфэщl» лъэпкъым я макъхэр зырагъэинрэ. Сыт ди lуэхухэр, сыт щыщыlэр мы къекlуэкlхэм? Зы lуэхугъуэ мынэхъиныр унагъуэ-лlакъуэцlэ lуэхуу сывгъэгъэув. Адыгэм бзылъхугъэр и гъафlэнщ и набдзэщ, зэхэгъэжи имыщI и унагъуэ нысэу къыщыришэм деж, хэти къыхэкlами, сытыбзэ lурылъми езым ейуэ, езым щыщу егъуври хабзэ ирещlэкl, егъэнысэ, щылъхуу тригъуатэри егъэадыгэ. Къыхыхьауэ щытми зыхищlыкlрэ къыгурыlуэмрэ хозагъэри и гъащlэр пса мэхъу, жылэ мэхъу, къупщхьэ мэхъу. Адыгэу, абы аткlэ уимыгъэлъыхъуэжу лъэпкъыжьу Хьэщхъуэжьхи зы урыс ныси ягъуэтт, ари я урыс жьантlапlи дагъэтlысхьэжт парламенту Налщыдж . Сыриукlытуи сотх адыгэм ди нысэу сытепсэлъыхьын хуейуэ къызэрыхъур, ауэ ар утыку къихьэу и псалъэкlэ адыгэр лъэпкъыу игъэпудын щыхъум жыlыпхъи щlапхъи къоунэху. Си зыр Хъункъым зыхэсым и унэцlэ «Хьэщхъуэжьыр» lуигъэкlуэтрэ и дыщым яцlэ «Егоровэр» жьы къепщэм зыдищlу зыфlищыжыну. Урысым имей унэцlэм ахуэдэу уриджэгуфыныр къемызэгъыу зыгуэрт. Арамэ гум игъэтlысхьи и дыщым япхъур хуегъэшэж ! Си тlыр Лъэпкъыу узыхэсым уи псалъи уи унафи хумылъхьэ я лlыкlуэ уамыщlауэ…

«Дэ губзыгъагъышхуэ хэлъу ди Iуэху зетхуэжын хуейуэ аращи.» — ХьэцIыкIу Рае

Кавказыр Урысейм Iуэху зэрищIрэ зэи и нэIэ ттемыкIауэ, ди цIыхум я бжыгъэкIи, щыпсэукIи, я псэукIэкIи, я гупсысэкIэкIи дыкъахутэ, дыщIапщытыкI, абы елъытауэ къыдащIэнумрэ къытхуащIэнумрэ зэхэкIыу аращ. Нэхъ пасэм мылъкукIэ къэпщэху хъунур ящэхуащ я лъэныкъуэ ящIын папщIэ, къулыкъур нэхъ къэзыщтэм къулыкъу, яхуэгъэшынэр ягъэшынащ, абыхэм химыубыдар е хэкIуэдащ е ирахуащ. Иджыри ди щыIэкIэм къыкIэлъыплъурэ дыздынэсамрэ дызэрыхъуамкIэ информацэ зыт щыIэхэщи, къыдэкI законхэр игъуэу къыщIедз. Бзэм теухуа законри аращ. Зы мащIэ тIэкIу фIэкIа зыкъизытIэн зэрыщымыIэнур ящIэу къыдэкIащ. ЗыкъизытIэн хуейр ди еджа, къулыкъу зыIыгъхэращи, ямыдэн къэгъэнауэ, «уэху» жызыIэжахэр долъагъу. Ар къызыхэщ псалъэмакъхэр: — адыгэ тхылъхэм урысыбзэкIэ деджэ щIэмыхъунур сыт? — адыгэбзэр еджапIэм щаджын хуейщ, ауэ аттестатым ирамыгъэувэу (Куууэ иригъэджынукъэ и быным?); — сэ си быныр тэрэзу згъэсащ, аращ нэхъыщхьэр, бзэр имыщIэми; — пэж дыдэу, зыкIи къыщимыгъэсэбэпынукIэ, сыт зэман ихьу щIеджэн хуейр? Хуейхэр иреджэ! — къуажэдэсхэм ящIэ адыгэбзэ, абыхэм ягъэкIуэдыжынкъым; — адыгэбзэ едгъащIэмэ, урысыбзэр Iушэу къажьэдэкIыу мэхъу, пхуегъэсэжынукъым, нэхъ зыхуеинури аращ; — хуейм и бзэр иджыжынумэ, зыри зэран хуэхъуркъым, сыт мы псалъэмакъ къомыр зищIысыр? Мис аращ ди щытыкIэри, гупсысэкIэри. Сыт и мыхьэнэ еджам, лъэпкъ гупсысэкIэ имыIэмэ? Хэти мэлажьэ, мэшхэж, и щхьэ Iуэху зэрехуэж. Сыт хуэдэ лъэпкъми и…