Кавказыр Урысейм Iуэху зэрищIрэ зэи и нэIэ ттемыкIауэ, ди цIыхум я бжыгъэкIи, щыпсэукIи, я псэукIэкIи, я гупсысэкIэкIи дыкъахутэ, дыщIапщытыкI, абы елъытауэ къыдащIэнумрэ къытхуащIэнумрэ зэхэкIыу аращ. Нэхъ пасэм мылъкукIэ къэпщэху хъунур ящэхуащ я лъэныкъуэ ящIын папщIэ, къулыкъур нэхъ къэзыщтэм къулыкъу, яхуэгъэшынэр ягъэшынащ, абыхэм химыубыдар е хэкIуэдащ е ирахуащ. Иджыри ди щыIэкIэм къыкIэлъыплъурэ дыздынэсамрэ дызэрыхъуамкIэ информацэ зыт щыIэхэщи, къыдэкI законхэр игъуэу къыщIедз. Бзэм теухуа законри аращ. Зы мащIэ тIэкIу фIэкIа зыкъизытIэн зэрыщымыIэнур ящIэу къыдэкIащ. ЗыкъизытIэн хуейр ди еджа, къулыкъу зыIыгъхэращи, ямыдэн къэгъэнауэ, «уэху» жызыIэжахэр долъагъу. Ар къызыхэщ псалъэмакъхэр: — адыгэ тхылъхэм урысыбзэкIэ деджэ щIэмыхъунур сыт? — адыгэбзэр еджапIэм щаджын хуейщ, ауэ аттестатым ирамыгъэувэу (Куууэ иригъэджынукъэ и быным?); — сэ си быныр тэрэзу згъэсащ, аращ нэхъыщхьэр, бзэр имыщIэми; — пэж дыдэу, зыкIи къыщимыгъэсэбэпынукIэ, сыт зэман ихьу щIеджэн хуейр? Хуейхэр иреджэ! — къуажэдэсхэм ящIэ адыгэбзэ, абыхэм ягъэкIуэдыжынкъым; — адыгэбзэ едгъащIэмэ, урысыбзэр Iушэу къажьэдэкIыу мэхъу, пхуегъэсэжынукъым, нэхъ зыхуеинури аращ; — хуейм и бзэр иджыжынумэ, зыри зэран хуэхъуркъым, сыт мы псалъэмакъ къомыр зищIысыр? Мис аращ ди щытыкIэри, гупсысэкIэри. Сыт и мыхьэнэ еджам, лъэпкъ гупсысэкIэ имыIэмэ? Хэти мэлажьэ, мэшхэж, и щхьэ Iуэху зэрехуэж. Сыт хуэдэ лъэпкъми и…
«Дэ губзыгъагъышхуэ хэлъу ди Iуэху зетхуэжын хуейуэ аращи.» — ХьэцIыкIу Рае
