Адыгэбзэр нобэрей махуэм зэрыт щытык1эр гузавэгъуэ мэхъу. Къэралыбзэу зэрымылажьэм и гущ1ы1ужк1э, ар еджап1эхэм щаджыныр ягъэбыдэну хэтщ. Адыгит1 зыхуэзэм я бзэк1э зэмыпсалъэу хамэбзэк1э зэпсалъэм нэхъ яф1этынш хъуащ. Нобэрей адыгэ куэдым щхьэк1э адыгэбзэк1э псалъэныр гугъу хъуащ. Абы ипкъ къик1ыу адыгэбзэм и къэрумрэ, кууэ псэ хэлъымрэ дигу къэдгъэк1ыжын хуейщ. Абы щхьэк1э дэ адыгэбзэм дырипсалъэным дыф1ок1ри, езы адыгэбзэм къыджи1эм дода1уэр. — Ц1ыху, — жи адыгэбзэм. Дэри дыкъопсалъэри — Сэ сы ц1ыхущ, — жыдо1эр. — Уы ц1ыхум ц1ыху, — жи адыгэбзэм. Дэ ди урысыбзэ/хьэрыпыбзэ/тыркубзэ/инджылызыбзэ гупсысэк1эм къыгуры1уэкъым абы къик1ыр. «Ныт1э сы ц1ыхукъэ сэ?», — же1эри, адэк1э хэплъэкъым. Ауэ сыт адыгэбзэм къыджи1ар? «Ц1ыху» — жыхуи1эр къызыхэк1ыр «къэц1ыхун, зэгъэц1ыхун, щ1эн» — жыхуи1эр аращ. Адыгэбзэм къытф1ища ф1эщыгъэц1эм къегъэлъагъуэр дэ ди къэлэныр, ди щ1ысыр, ди щхьэусыгъуэр. Ц1ыху дыхъуа нэужьым, ц1ыхуныр ди къэлэну къыщыдгуры1уам, дэ тц1ыху псор «щ1эныгъэ» тхуохъу. — Щ1э, — же1эри къопсалъэр адыгэбзэр. — Сыт сщ1эныр? — жыдо1эр, къыдгурымы1уэу. Сыт адыгэбзэм къыджи1эр? Тц1ыхур щ1эныгъэ щыхъум аращ 1уэхуу тЩ1Эфын къытхуэхъур. Ди Щ1ЭНыгъэмрэ 1уэху Щ1ЭНымрэ я лъабжьэр щ1ызытехуэр аращ. Тщ1эр аращ тхуэЩ1Эр, тхузыф1эк1ыри ди Щ1Эныгъэр здынэсыр аращ. Ц1ыху хуэдэу къэтц1ыхуар щ1эныгъэ тхуохъури 1уэху щ1эным дыпэрохьэр. Щ1эныгъэм щ1э къелъху, къехутэр. Щ1эуэ гъащ1эм…
«Ц1ыху» — жи1эм къик1ыр сыт?
