Posts Tagged‘Хабзэ Бзэ Хэку Адыгэ’

«Хабзэ» зэгухьэныгъэм и псагъэр!

«Хабзэ» псалъэм къикIыр: «Адыгэ Хабзэр» «Хабзэм» и зы Iыхьэу, адыгэхэм я зыхэтыкIэр, я щытыкIэр, зэрыщытыпхъэр къэзыгъэлъагъуэ Бзэуэ аращ. «Хабзэ»-р ар куэдкIэ нэхъ куущ, нэхъ инщ, гъунэншэщ. «Хабзэ» псалъэм сыт къикIыр, сыт абы хиубыдэр? – жыпIэрэ ущIэупщIэм абы и жэуапыр езы «Хабзэ» палъэм, абы хэт макъхэм ущIэдэIумэ къыбжаIэ. «Хабзэ» псалъэр «Ха»-рэ «Бзэ»-уэ зэхэтщ. «Ха», «Хэ», «Хы» — сыт мы адыгэбзэ макъхэм къыджаIэр? ДевгъэдаIуэ! «Хы»-р ар гъуни, нэзи,кIэи зимыIэу, ипIэм ит зыгуэрщ. «Хэ»-р ар гъуни, нэзи , кIэи зимыIэу адэкIи зызуфэбгъу зыгуэрщ. «Ха»-р ар гъуни, нэзи, кIэи зимыIэу ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуауэ зыгуэрщ. «Бзэ»-р ар псоми дощIэри, узэрызэрыщIэ, узэрызэхэт, узэрызэпсалъэ щытыкIэщ. Мыхэр зэпыувэрэ «Ха-Бзэ» жытIэмэ адыгэбзэм къыджиIэр гъуни, нэзи, кIэи зимы1эу, ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуауэ псом и бзэ жыхуиIэу аращ. Дэ гъуни , нэзи , кIэи имыIэу, ауэ гъэунэхуа хъуауэ, убзыхуа хъуам къызэщIеубыдэ – щыIэ псор, мы гъащIэшхуэу кIэи гъуни нэзи зимыIэр. Мис а щыIэ псом, мы гъащIэшхуэу кIэи гъуни нэзи зимыIэм и бзэр, ар зэрызэрыщIэр, зэрызыхэтыр, зэрызэпсалъэр, убзыхуа зэрыхъу щIыкIэхэращ «Хабзэ» хъужрикI. Ди еплъыкIэр: Псэ зыIут псоми я щыIэныгъэр зэрахъумэжыным пылъщ. Адыгэр адыгэ зыщIыжыр и бзэмрэ и Хабзэмрэщ. Адыгэми…