Ди бзэр къыддэбзижкъым Ди бзылъхугъэр дэрбзэрижкъым. Тхуабзыжкъым гъащIэр Адыгэ Фащэуи ГъащIэр ДыхуэФащэу щыттIэгъэФкъым… Дыхуадыжкъым дыхуэФащэри Дыхуадэжкъым хуэФащэри… АдыгэлIым игур исмикI Хуэгъасэркъым щIэблэр и закъуэу И щхьэгъусэр ищIэмгъэкъуэу… Ди щытыкIэ пэжыр мыращ хэхэсым. фыщыгъуазэ мис дызысым СыныволъэIу бзылъхугъэм Гъуазэр Фэращ Фщыгъуазэ, Лъэпкъыр мэкIуэд къевгъэгъазэж. ДыФхуэныкъуэщ зыкъэвгъазэж. Къыддэвыубыд гъащIэ къуапэр КъэдывгъэIэт лъагэу гуапэр. фыдимыIэм дэ дыныкъуэщ Дыныкъуэщи дигухэр ныкъуэщ. Гур хуэныкъуэщ псэр хуэныкъуэщ Адыгагъэр дэ ди дыркъуэщ. Ар дэ ди бзэщ ар ди Тхьэбзэщ Тхьэм и бзэу бзэрабзэрщ. Маргъущ Везир 09.01.2025
ХЭХЭС БЗЫЛЪХУГЪЭХЭМ
