ЦIыхухэр зыхыхьэрэ зэгъусэу псэу щыхъум, абыхэм яухуэр къуажэ, е къалэ. Нобэрей махуэм апхуэдэ псалъэхэр аращ къагъэсэбэпыр. «Къалэ» псалъэр тыркубзэм къыхэкIри адыгэбзэм къыхыхьащ. Адыгэ хэкум къалэхэр щаухуэу щытакъым. Адыгэхэр зэрызыхыхьэу щытар «хьэблэ«, «жылэ«, «къуажэ» псалъэхэмкIэщ къызэрагъэлъагъуэр. А псалъэхэм мыхьэнэ зырахьэр адыгэ хабзэм епхащ, икIи дэтхэнэ зы адыгэми къыгурыIуэу щытын хуейщ. «Хьэблэ» жыхуаIэ псалъэр къагъэхъу «хьэ» макъымрэ «блэ» макъымрэ. «Хьэ» жаIэу псэ зы1ут, гъащ1э къэзыгъэщI дэтхэнэ зыми еджэу щытащ. ЦIыхуми езым хьэм зыхибжэу щытащ, псэ зырыхэтым къыхэкIкIэ. «Блэ» жыхуиIэм и мыхьэнэр мы псалъэм деж къыщыдгурыIуэн щхьэк1э, абы къигъэхъуа нэгъуэщ1 зы псалъэ утыку къислъхьэнщ — «благъэ» «зэблагъэ». Абы къик1ыр зыкъуэту, зыпыщIауэ, зэгъусэу, зэрыIыгъыу псэу гупхэщ. ИпэкIэ зэблагъэхэр, зэунэкъуэщхэр зэгъусэу зы «хьэблэу» тIысу щытащ. Нобэрей лъэхъэнэми адыгэ къуажэхэм ущырохьэлIэ зы унагъуэцIэ зезыхьэхэр зы хьэблэм щыдэс. Нобэрей махуэм, ц1ыхухэр хьэблэу зэблагъэу зыдэмыпсэужми, а псалъэм и мыхьэнэр кIуэдакъым. Хьэблэ хъужыр Iуэху уиIэу япэу уIэбэм узылэIэс уи гъунэгъуу псэухэр аращ. Дэ дыщыцIыкIум жьэрымэ дгуэшын хуей хъуамэ, е нэгъуэщ1 1уэху къыдэтхын хуеймэ, тщIэт ди хьэблэр здынэсыр, икIи ахэр япэ дыдэу щIэгъэкъуэн къытхуэхъуу щытащ, ар хьэгъуэлIыгъуэ ирехъу, е щIыхьэху ирехъу. Псалъэжьу адыгэхэм зырахьэр «благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъу пэж» —…
Адыгэ «Жылэ»!
