Posts Tagged‘Хабзэ Адыгэбзэ Хэку Черкесия Инал’

Адыгэ псоми япщ Инал и лIыхъужьыгъэм и хъыбар.

Инал сыт и лъэныкъуэкIи цIыху зэкIэлъыкIуэу щытащ: цIыхушхуэхэмрэ гущIэгъулыхэмрэ яхэлъын хуей хьэлыфI псори абы хэлъащ. Захуэм тет абы и унафэ ткIийм къыхэкIыу адыгэхэм яку дэлъа ныкъуэкъухэмрэ хьэлэбэлыкъхэмрэ гъэкIуэда хъуащ. Лъэпкъыр и лъэныкъуэ къищIщ дзыхь зыхуригъэщIри абыкIэ и зэф1эк1ыр игъэбыдащ, зэбий лъэныкъуэхэр зэригъэкIужри‚ къару псори зы ищIыжащ. АдыгэщIым щызекIуэ залымыгъэмрэ хабзэншагъэмрэ абы игу пэжым темыхуэу, зэпымыууэ къайгъэ къэзыIэтхэр гущIэгъуншэу лъэныкъуэ иригъэзын хуей хьуащ. Абы иригъэжьа Iуэхур къехъулIэрт. Зэпымыууэ къайгъэ лъыхъуэ пщы зыкъомыр, Инал и унафэм едэIуэн ямыдэу, бгъэдыхьэпIэ зимыIэ щIыпIэ быдэхэм Iэпхъуэри, абы къикIыурэ я гъунэгъухэр яхъунщIэу хуежьащ. Инал гухэлъ ищIащ ахэм я унафэр ищ1ыну; дзэ зэхуишэсри абыхэм я къару зэкъуэтыр зэтрикъутащ, абы нэмыщIу дзэпщхэу щэщI нэблагъэ Iэрыубыд ищIащ, абы щыщу пщIым я щхьэр пилъащ, адрейхэм пэжу къахущытыну икIи къыхуэкъулыкъущIэну тхьэ яригъэIуащ. Абы ирихьэлIэу ипщэ лъэныкъузмкIэ щыпсэу бгырысхэм, опыпщ Аздемыр я пашэу, къайгъэ къаIэтащ. Абыхэм щыщу зыкъом Аздемыр зэхуишэсри Инал игъэкIуа кIахэ дзэхэм къапежьащ икIи къытекIуащ. Ауэ абыхэм езэуэну езы Инал дыдэм дзэ зэхуишэсу щызэхахым, Аздемыр Абхъазым икIыжащ. Ар здэкIуа абазэхэм я деж Инал кIэлъыкIуэри, къызэрыхуэмыжыIэщIэм щхьэкIэ а лъэпкъым щыщ куэд зэтриукIащ. А зауэм Аздемыр хаукIащ. Инал губзыгъэу, пэжым хущ1экъууэ икIи…