Дэ нэхъыбэрэ дызыхэс къэралхэм дащыгугъкIэ ахэм дахуэлажьэкIэ ди Iуэхур дэкIа хъунукъым. Адыгэр къэрал 50-м щызэбгырыдзащ. Зы лъэпкъым и гуащIэр 50-уэ угуэшауэ дауэ лъэпкъыр хъума зэрыхъунри, зыкъызэриужьыжынри, нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуэхъуфуэ псэуа зэрыхъужынри? Урысейм щыпсэу адыгэр урысым нэхъыбэрэ хуэлажьэкIэ адыгэм и Iуэхур дэкIрэ? Тыркум щыпсэу адыгэр тырку къэралым нэхъыбэрэ хуэлажьэкIэ адыгэм и Iуэхур дэкIрэ? Европэ къэралым щыпэу адыгэхэр а къэралхэм нэхъыбэрэ яхуэлажьэкIэ адыгэм и Iуэху дэкIрэ? Хьэмэрэ америкэм, е хьэрып къэралхэм? Мы къэралхэм псоми езым я хъуапсапIэ , я Iуэху, я бзэ, я зэхэтыкIэ, я гупсысэкIэ яIэжщ. Дэ адыгэ лъэпкъым езым диIэжкъэ ди хъуэпсапIэ, диIэжкъэ ди бзэ, ди гупсысэкIэ, ди Хабзэ, псом нэхърэ нэхъ тфIэдахэу ди Хэку, ди Iуэху? Апхуэдэ дыдэу дэ ди лъэпкъым дапхуэдизыу зэбгырыдза, угуэша мыхъуамэ, дэ къытхэтщ щIэныгъэ лъэныкъуэ псоми ирилажьэ щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр, мэкъумэшыщIэхэр, бизнесменхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщIхэр, джэгуакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, ухуакIуэхэр, нобэ адыгэ лъэпкъыр зыхуэныкъуэ псори! Ахэр дэращ- дэтхэнэ «сэ сы адыгэ» жызыIэ цIыхурикI. Дэтхэнэ зы адыгэмикI нобэ лъэпкъыр къытхуэныкъуэщI- ди гупсысхэмкIэ, ди 1эщ1агъэмкIэ, ди цIыхугъэмкIэ, ди 1эмалхэмкIэ, тхузэфIэкI псомкIи. Апхуэдэ дыдэу дэтхэнэ зы адыгэри къыдгурымыIуэжми, демыгупсысми, зэхэтщIэми , зэхэдмыщIэми псори ди лъэпкъым дыхуэныкъуэщ. Адыгэ лъэпкъыр лъэщмэ, ди бзэр…
Дэтхэнэ зы адыгэми хуэгъэзауэ!
