Posts Tagged‘Черкесия’

Адыгэ лъэпкъыра зэкъуэмытыр?!

Тыркум и Къайсэр къалэ щызэхэт, зи зэхэтыр IуэхукIэ зыгъэдахэ Адыгэ Хасэм щӏэныгъэ зэӏущӏэрэ джэгушхуэрэ (фестивал) зэхиублэри иригъэкIуэкIащ. Мы гъэм илъэс 50 ирикъу Хасэм гъуэгуанэ къикIуамрэ иджы хузэфIэкIымрэ, дяпэкIэ хузэфIэхыну лэжьыгъэхэмрэ хузэблэхыну IуэхуфIэхъухэмрэ и гугъу щащIащ. Щӏэныгъэ зэӏущӏэм гулъытэ хэха щигъуэтащ: — бзэмрэ хабзэмрэ и джыкӏэ, и зэгъэщӏэкӏэ, и зехьэкIэ хъунухэм; — адыгагъэр зыщымыгъэгъупщэным; — хэхэс адыгэхэр хэмышэпсыхьыжын папщӏэ щӏапхъэхэмрэ лэжьыпхъэхэмрэ; — хэхэс, хэкурыс адыгэр зэрыщIэу, зэрыIыгъыу, зэгурыIуэу ӏуэху зэдэщӏэкӏэхэм зегъэубгъуным, зегъэужьыным; — хэхэс адыгэм и Хэку кӏуэн-къэкӏуэжыныр нэхъ екӏурабгъу щӏыным; — кӏуэжыпэу къэнэну хуейхэм я щытыкIэхэмрэ я щыӏэкӏэ-псэукӏэ хъунухэм; — хэкурыс адыгэм и бзэ иджыжыным къращIэкI хабзэншагъэм. Къайсэр Адыгэ Хасэм утыкурыту иIэта ӏуэхугъуэхэм щӏэныгъэлӏхэр гупсэхуу тепсэлъыхьащ. Зэрыжытӏащи, упщIэхэр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар бзэмрэ хабзэмрэ хъумэныр арщ. Жыпӏэнурамэ, Къайсэр Хасэм ӏуэхугъуэфӏ зригъэхъулIащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм, Къайсэр километрищэкIэ пэӏэщӏэу щыс Къайнар хьэтыкъуей къуажэ джэгушхуэ (фестивал) щаублат. Пщэдджыжьым сыхьэтипщӏым зэхыхьэн щӏадзэри, шэджагъуэ нэужьым цӏыхуу къекӏуалӏэр нэхъ уэр хъууэ хуежьащ. Пщыхьэщхьэхуегъэзэкӏым щынэблагъэм, цӏыхур апхуэдизкӏэ куэдыщэ хъуати, и гъунэми, и нэзыми унэплъысыжыркъым жыхуаIэм хуэдэт. Щӏыпӏэ-щыпӏэкIэрэ езыр-езырурэ джэгухэр яублэрти, хабзэкӏэ екӏуэкӏ зэпытт. Къайсэр жандармэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ,Тырку къэралыгъуэ ТВ каналхэмкӏэ къызэратамкIи, джэгушхуэм еплъыну, хэтыну кърихьэлӏат АДЫГЭ мин 40! Апхуэдиз цIыху…

«ЦIыхугъэ» Природа и долг человечности. Категория «ХЬЭТЫР»

Человечность — система позитивных, объединяющих чувств и реакций. Во всем мире она ассоциируется с любовью, состраданием, пониманием… Но, пожалуй, прежде всего с любовью, как наиболее полным и точным выражением полноценной внутренней связи между людьми.