Мышкъышхэм (ингушхэм) язакъуэкъым!

Гъатхэпэм(март) и 26-27 Мэгъэс щек1уэк1а пэк1ухэм (toplanti) нэужь, абы жыджэру хэта мышкъыш щ1алэ 12, Нэлшыч хьэпсым къашэри ирадзащ.


Уэрамым къыдыхьа ц1ыхухэм я пашэхэр — Ахмед Барахоев, Муса Мальсагов, Барах Чемурзиев сымэ махуипщ1к1э (10) хьэпсым ирагъэсынущ.
Багаудин Хаутиев, Або Добриев, Гелания Хамхоев, Магомед Хамхоев, Ибрагим Мужахоев, Хаваж Дзауров, Адам Ажигов, Вахи Барахоев, Амир Осканов сымэ илъэсипщ1к1э хьэпсым ирадзэнк1э хъуну, е сом 200000 (рубль) япшынын хуеуэ къытралъхьэну Урысейм и тхылъымк1э (къэрал хабзэмк1э 318 УК РФ) ягъэкъуаншэ.
Мэлыжьыхьым и 5 Багаудин Хаутиев хеящ1эм мазит1к1э хьэпсым иридзащ. Абы ипэ мышкъыш (ингуш) тхьэмадэ Ахмед Барахоев имыарэзыныгъэр мэжал1энымк1э къигъэлъагъуну мурад ищ1а (hunger strike).


Зэрытщ1эжщи мы 1охум и щ1эдзап1эр 2018 ек1уэк1а мыарэзыныгъэ пэк1ухэращ, Ингушетием и щ1ык1апэр, ц1ыхухэм арэзы мыхъуауэ, Шэшэным зэрыгуагъэхьэнымк1э, ц1ыху минхэр урамым къыщыдэк1ам.
Фок1адэм 2018 гъ. жылэ 1охущ1ак1уэ Хьэтэжьыкъуэхэ Вэлерэрэ Ягъэнхэ Ибрэгьимрэ Мэгъэс къалэм ехащ, мышкъышх мыарэзыхэм я 1охур да1ыгъыну.
Абы щыгъуэ мышкъышхэм зыкъагъэлъэгъуащ хуитыныгъэм узэрыхущ1экъунур лъыгъажэм ухэмыту.
Мыф1ыр Урысей Федирасионымрэ, Ингуш республикэм и атащхьэхэмрэ хуекъым жылэм и хуитыныгъэм хущ1экъуну.
Мы илъэсым паща мыарэзыныгъэ пэк1ухэр полицэм къэрук1э пэуващ. Зэриухар а 1охур пашэхэмрэ ц1ыхухэмрэ хьэпсым ирадзауэ.

Нобэ 1охум зэрызиужьамк1э адыгэ лъэпкъым дипщэ къыдохуэ, Нэлщыч хьэпсым ирадза мышкъышхэм лей къытедмыхьэным папщ1э зы нэхъ мыхъуми макъ дгъэ1унууэ. А л1ыхэр ди хэку къызэрихьэ лъандэрэ абы я узыншагъэр полицэ зэкъуэракъым зи 1охур, дэтхэнэ адыгэм и 1охущ.
Жылагъуэ зыгуэхьэныгъэ «Хабзэ» аразыкъым мышкъышхэр хьэпсым зэрисымк1э, хуит фщ1ыж жыдо1э, хэхэс адыгэхэри фыкъыхудоджэ мы 1охур къыддэф1ыгъыну!
Адыгэм ди хабзэм имызакъуэу, мышкъышым дыкъыщ1ыщхьэщыжым щхьэусыгъуэ хуохъур , мышкъышхэр къыщ1ыдэк1а федерализм, демократиемрэ лъэпкъ хуитыныгъэхэмрэ 1эмал имы1эу Урысейм илъытэу щытын зэрыхуейр. Мыпхуэдэ 1охур къэрук1э зыф1эпхыныр къезэгъкъым, абы къырик1уэфынур нэхъ 1ейщ, лъыгъажэм дыхуишэнущ. Ар къызыгурымы1уэ атащхьэхэр тек1ын хуейщ.
Хьэпсым ирадзар къивгъэк1ыж!
Ди хештэгхэр: #ИнгушиНеОдни, #ЕвкуровУходи