Posts Written OnФевраль 10, 2018

Нартыжь уэрэд

Дунеижьыр, уей дуней, щымыджэмыпцIэм, ЩIылъэ щхъуантIэр, уей дуней, щызэпцIагъащIэм, Уафэ къащхъуэр, уей дуней, хъыкIэ щаухуэм – А лъэхъэнэм, уей дуней, сыгущэхэлът. Мы ди щIылъэр, уей дуней, мэлкIэ щаубэм – А лъэхъэнэм, уей дуней, сышкIахъуэ щIалэт. Индылыжьым, уей дуней, щIалэр щебакъуэм – А лъэхъэнэм, уей дуней, сылIыныкъуэфIт. Афэбгыжьыр, уей дуней, къандзэгу щыхуэдэм – А лъэхъэнэм, уей дуней, сылIыIэфIыгъуэт. Афэбг мэзыр, уей дуней, щымыч-мыбжэгъум – А лъэхъэнэм, уей дуней, сылIыныкъуэхъут. Къаз и губгъуэ, уей дуней, дыщызэдихьэм, ЩхьэкIуиер, уей дуней, къысхубогъакIуэ. ЩхьэкIуиеурэ, уей дуней, къысхуэбгъэкIуам А махуэм, уей дуней, сигъэтхъупащ…